Студопедия
Случайная страница | ТОМ-1 | ТОМ-2 | ТОМ-3
АрхитектураБиологияГеографияДругоеИностранные языки
ИнформатикаИсторияКультураЛитератураМатематика
МедицинаМеханикаОбразованиеОхрана трудаПедагогика
ПолитикаПравоПрограммированиеПсихологияРелигия
СоциологияСпортСтроительствоФизикаФилософия
ФинансыХимияЭкологияЭкономикаЭлектроника

К1уэк1уэ мухьэмэд

БЕКЪАН ЮРЭ ИПХЪУ ЛИЛЭ ХУЗОТХ.

Лилэ, Лилэ насыпыф1э

Щ1элэгъуэ гъащ1эм ущ1ыгъущ,

Насып хэк1ып1эу щ1эныгъэр

Уи гъуэгум тетщ, 1эхулъэхущ.

 

Щ1эныгъэм уи псэр хуэпабгъэм

Уогъуэт къару ухущ1экъуну,

Ущеджащ хамэ къэралым

Уи хэкум ухуэлэжьэну.

 

Дуней дахэ, гъащ1эм и псэ

Псэ зы1утхэм я гуф1эгъуэ,

Богъэбжьыф1э уэ си лъахэ

Сыщохъу уи деж насыпыф1э.

 

Уи акъужьхэр мэ1ущащэ

Уи дыгъэпсхэр мэдэхащ1э,

Узигъусэщ сощ1эращ1э

Уи нэмысхэм сыропагэ.

 

1эф1щ анэр зым хуэмыдэ…

Адэр нэмысщ и псэр хуабэщ,

Уи нэк1у ц1ык1ухэм 1э къыделъэ

Игу зэгъауэ щ1ок1ыр унэм.

 

Анэбзэ 1эф1к1э къо1ущащэу

Гущап1э къабзэм ухип1ык1ащ,

Дзапэ уэрэдк1э уигъаф1эу

Дуней дахэр уигъэц1ыхуащ…

_ _ _ _ _ _ _ _ _ _ _ _ _ _ _ _

 

Гугъэр си япэ иту сок1уэ

Си хэку си бзэр пхо1ущащэ,

Уи 1ущагъым сегъэгушхуэ

Си насыпу уэ си гъащ1э.

11.06.2014 гъэ Бэрбэч Хьэсэн. Хь

ФЭЕПЛЪ

 

Бэракъ плъыжьыр 1эпыхунк1э шынэу,

Сэлэт щ1алэм быдэу икъузат,

Ажалышэр щ1алэм къытехуауэ

Дзэм я ныпыр щысу и1ыгъат.

 

Гъуанэт ныпыр, пхыудауэ

И зык1апи маф1эм пхисык1ат,

Щыст иджыри щ1алэр мыджэлауэ

Ауэ, пагэу нит1ыр диижат.

 

Сэлэт жыпым къыраха сурэтым

Лъы к1эрылъхэр ноби мыгъущыж,

Вагъуэ лъап1эу къихьа саугъэтым

Гушхуэныгъэ анэм къыретыж.

 

1961гъэ Бэрбэч Хьэсэн

 

 

УЭРЭД

 

Си гухэлъ 1эф1хэр гугъэм и гъусэу

Сопсо си дахэ, си гур согъэф1,

Си дуней нэхуу си вагъуэ шыр

Пхуэсщ1а гухэлъхэр сыту 1эф1.

 

Къуалэбзу ц1ык1ухэм я макъ зэмыщхьхэр

Си пэш щхьэгъубжэм къыдок1уэсык1,

Си псэм лъо1эсыр уэрэд къырашхэр,

Зызохуэпэжри унэм сыщ1ок1.

 

Уэгум сихьэнти къисхынт зы вагъуэ,

Уэ си псэ закъуэм тыгъэ пхуэсщ1ынт,

Си лъагъуныгъэм гъусэ хуэсщ1ынти

Пшынэ макъамэм уи бзэр хэслъхьэнт.

 

Сыуэршэрауэ сыкъыщык1уэжк1э

Уи пэшыр нэхущ - ужейжакъым,

1упхъуэр ехьэк1и сызэ1угъаплъэ,

Нобэрей махуэм уи нэгу сиплъакъым.

 

06.09.2003 гъэ Бэрбэч Хьэсэн

 

 

КЪЫЗЭЖЬЭ КХЪЫ1Э

 

Жанэ, Жанэ тхьэрыкъуэ пщэху,

Дыгъэпс щабэу псэм едэхащ1э,

Уэращ зыщ1эр си гум и щэху

Си насып 1ыхьэ си дуней нэху.

 

Уок1уэ т1э 1эрмэм - къыщызжеп1ам,

Уи нэ п1ащит1ым нэпсхэр къек1уат,

Уи щхьэр си дамэм къыщытеплъхьам

Уэ уэщхьыу си гур къызэф1энат.

 

Умыгъ си дахэ, си псэм и дыгъэ,

Зы илъэс закъуэр ди гъащ1э пщ1ыхьщ,

Къызэжьэ си псэ, сигъусэщ гугъэр,

Уи лъагъуныгъэр си лъапэ нэхущ.

 

Письмо къэстхынщ, умынэщхъей,

Уи сурэт ц1ык1ур ситегъэуп1эщ,

Блэк1ынщ илъэсыр, къэсынщ пщэдей!

Ди гухэлъ къабзэм дигъэф1эжынщ.

 

Гъэмахуэ махуэр езэшагъэнт,

Маф1эгу ф1ыц1эжьыр губжьауэ к1иирт,

Дыгъэр хуэп1ащ1эу къухьэп1эм жэрт,

Гъэгу махуэ жып1эу уи 1эр къэпширт.

 

 

29.10.2004 гъэ Бэрбэч Хьэсэн

 

 

Зи гуращэр ф1ым хуэлажьэм

Ущ1ыгъуну сыту 1эф1,

Щыгуф1ык1ыу къилэжьыфым

1эф1ыу жейуэ ар нэху къок1.

 

Гъуэгум тету ар щызек1уэм

Гугъэ дахэм йогупсыс,

Ар хуэп1ащ1эу пщэдей махуэм

Пщ1ыхьхэм хэту нэху егъэщ.

 

1930гъэ Бэрбэч Хьэсэн

 

 

К1УЭК1УЭ МУХЬЭМЭД

 

 

1. Лъагъуэ хэпшыу гъащ1э дахэм

Жьапщи пшагъуи упхык1ат,

Уи 1упит1ым гуф1эр ибэу

Дуней дахэм ущ1ыгъуат,

У ц1ыху щыпкъэт уи гур къабзэт.

 

2. Уи махуэщ1эр убзыхуат,

Сэлам гуапэр уяпэ итыу,

Нэмысыф1эу упсэуат.

 

06.03.2006гъэ Бэрбэч Хьэсэн

 

Гур мыгупсысэм

Гъащ1эм сыт илажьэ?

Гужьгъэжь ущ1и1эн щымы1э,

Хэлъэт уимы1эм – акъылыр жьажьэм,

Ухуеми телъхьэ ар щхьэм.

 

 

14.08.2013 гъэ Бэрбэч Хьэсэн

 

 

Гъащ1э, гъащ1э гугъэ гъуэгу!

Дунейшхуэм и лъэмыж,

Уи пщ1ыхьэп1эщ, гъащ1э дахэ,

Уи к1ыхьагъыр къэщ1эгъуейщ.

 

Нобэ уи деж сыщохьэщ1э

Сыщогуф1э, сыщожей

Пщэдей махуэм сыхуоп1ащ1э

Псэр мэгугъэ аркъудейщ.

 

03.05.1996 гъэ Бэрбэч Хьэсэн

 

АСЛЪЭН

 

 

Къэушат Аслъэн ц1ык1у

П1экум хущхьэу къит1ысхьат,

Нэ ф1ыц1ит1ым щ1э1уэтыхьыу

П1эм зебыршэу къепщыхат.

 

Доплъ щхьэгъубжэм наф1эгуф1эу,

Мэ1ущащэ, зыгуэр же1э,

Зы1э-зыбжьэу хъуащ нэщхъыф1э

Ар мэп1ащ1э темыпы1э.

 

-Сыту п1эрэ Аслъэн нобэ

Гу имыхуу илъэгъуар?

Е пщыхьэп1эу ар ныжэбэ

Гъэщ1эгъуэну зыхэтар?

 

И бын пажэм йоплъ и анэр

Къыхуэмыщ1э зыхуэгуф1эр,

И1ыгъщ анэм гъуэншэдж джанэр

Погуф1ык1ыр насыпыф1эу.

 

Мамэ, мамэ епъыт - жи1эу

Абджынэшхуэм и1эр делъэ,

Къесащ уэс, къесащ -жи1эу

Къыщолъэтыр, долъей гуф1эу.

 

Зы 1эгъуапэм 1ит1ыр ф1ехьыр

Зэдзэк1ами ф1эмы1уэху,

Зэмыгуэгъуми и вакъит1ыр

Щеу къыщыхъукъым, къык1эроху.

 

Аслъэн нобэ хъийм ик1ауэ

Анэм нэсыу хуэмыхуапэ,

1эжьэр и1эщ щ1эрыпсыбзэу

К1уэнущ 1уащхьэм ар псом япэ.

 

1956 гъэ Бэрбэч Хьэсэн

 

 


Дата добавления: 2015-12-01; просмотров: 47 | Нарушение авторских прав



mybiblioteka.su - 2015-2024 год. (0.013 сек.)